23.6.14

Хэкурыс адэ-анэхэми ягу ныкъуэщ анэдэлъхубзэм папщIэ


Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэр хэхэсу зэрыщытым къыхэкIкIэ я бзэр, я хабзэр яIэщIэхужыпэнкIэ зэрышынэм къинэмыщIауэ, я хэку исыж адыгэ щIалэгъуалэми абы теухуауэ я гуныкъуэгъуэр мащIэкъым.

Къэбэрдей-Балъкъэрым, Налшык къалэ пщыхьэщхьэкIэ  уэрэд сыт едаIуэу, къафэу язэш зытрагъэу утым дахохьэ, абдеж щIалэгъуалэм якIэлъыплъэ адэ- анэхэм захудогъазэ.  

БлэкIа илъэсхэм Германием  илъэсиблкIэ щыпсэуа Ащхъуэт Лянэ Хуитыныгъэ Радиом и микрофоным къыдогъэпсалъэ, щIалэгъуалэм хабзэм теухуауэ иужьрей зэманхэм зэрыщытымкIэ.

Ащхъуэт Лянэ: Зихъуэжащ. Япэм зэман гуэрым къаIэтауэ щытат, итIанэ ехуэхыжри иджы къыдэкIуеижащ, аргуэру къыдахыжащ. ИтIанэ фащэр къащтэж, ар сигу ирохь. ЗэгуроIуэхэри фащэ ящыгъуыу а сурэтхэри интернетым иралъхьэри ягъэлъагъуэ.

Ауэ бзэр тфIокIуэд, нэхъыбэу щIалэгъуалэм бзэр ящIэкъым. Къэралым бзэр иригъэдж  щхьакIэ апхуэдэу сыхьэт тэмэм яIэкъымэ. СыхьэтитI зы тхьэмахуэм хуэзэу аращ, ар мащIэщ бзэ ебгъэщIэну. ИтIанэ унагъуэхэми аращ, адэ-анэр адыгэбзэкIэ псалъэкъым куэдыр. Телевисион щIэгъэнами аращ нэхъыбэр урысыбзэщ. ИтIанэ щIалэгъуалэр нэхъыбэу Европэращ зэплъыр. Къапщтэу щытм,э сипхъу нэхъыжьым сегъэкъуаншэ иджыпсту, зэман гуэр нэмыцэм  дыщыпсэуати, бзэр щымыгъупщэн щхьа урысыбзэкIи и адэр епсалъэт. ИкIэм-икIэжым адыгэбзэр фIэкIуэдащи иджыпсту сегъэкъуаншэ. Псалъэну хуейщ, зэзэмызэ дигъэдыхьэшхыу адыгэбзэкIэ мэпсалъэ.

Хуитыныгъэ Радио: ЩIалэгъуалэр уэрамым, хьэгъуэлIыгъуэ щыхэтым деж адыгэ хабзэр яхэлъ, ар зэрахьэну хэт?

Ащхъуэт Лянэ: Иджыпсту абыкIи ныкъуакъуэу щIадзащ, къащIэжыурэ, ‘Мис мыр хабзэщ, мыр хабзэкъым‘ жаIэу. Зэзэмызэ согъэщIагъуэ, нэхъыжьхэм нэхърэ нэхъыщIэхэр а Iуэхур нэхъ ялэжь къафIэIуэхущи. Мис а коммунист зэманым хуэза ди нэхъыжьхэми куэди ящIэкъым, иджыри ящIэжкъым. ХьэгъуэлIыгъуэр зэрекIуэкIри зэхэпщауэ щытщ, нэхъыбэм европэ, адыгэ формэу ящI. Зэманри макIуэ нытIэ ар адыгэ хабзэ дыдэу пхуэщIынукъым. Хуэмурэ, хуэмурэ. Япэм зэрыщытам нэхърэ иджы апхуэдэ гукъэкI нэхъыбэ яIэ хъуащ, икIи нэхъ ныкъуакъуэ хъуащ.

Хуитыныгъэ радио: Хабзэр къащтэжыфыну къыпщыхъурэ дяпэкIэ?

Ащхъуэт Лянэ: ДэIэпыкъун хуейщ, елэжьын хуейщ. Школхэм иджыпсту мес, дэ дыщIэныкъуакъуэр иджыри къэс. Закуон къыдагъэкIамкIэ хуит ящIынущ, ухуейм адыгэбзэ зэгъащIэ, ухуейм зомыгъащIэ. Япэм ар Iэмал имыIэу щытт. Иджы апхуэду зэрыхъуу адэ- анэхэми нэхъри къафIэмыIуэху хъуащ куэдым. Аращ зэрыщытыр.

Куэдым жаIэр щIалэгъуалэр иджы къызэрежьам хуэдэу кIуэуэ щытым бзэми хабзэми нэхъ зыкъиIэтыжыну.

Къэбэрдей- Балъкъэр, Хуитыныгъэ Радио, Емуз Баязыт, Налшык


No comments:

Post a Comment