9.8.14

Тыркум деж адыгэхэм я бынхэм лъэпкъыцIэ фIащ захъумэжын я гугъэу


СэмэгумкIэ щегъэжьауэ: Губыр Мелиха, КIэмпIарэ Шенал, КIэмпIарэ Озгюл. Тыркум, Джылахъстэней жылагъуэ, Къэрэхьмэд къуажэ.

Илъэси 150-рэ хъуауэ хэхэсу псэу Тыркум щыIэ адыгэхэм я бынхэм адыгэцIэ фIащыну щыхуимыта зэманхэр къызэранэкIащ. Хэкум къикIа я нэхъыжьхэм къыздикIа я къуажэцIэ дыдэхэр мыбдеж щыфIащыжа щхьэкIэ Тыркум деж документхэр нэгъуэщI фIэщыгъэцIэу щытщ.

Адыгэхэр апхуэдэ зыгуэрэхэм теухуауэ нэхъ хуит хъуащ. Иджы апухэдэ Iэмалхэр къагъэсэбэпу я бынхэми адыгэцIэхэр нэхъ фIащыу, я зэхущытыкIэхэмкIи нэхъ хэмышыпсыхьыжыну иужь итхэщ. Тыркум адыгэ къуажэхэм я гъащIэр зэрыщыт, я дуней тетыкIэм теухуауэ Хуитыныгъэ Радиор щIэупщIащ.

КIэмпIарэ Озгюл: Сэ бынитI сиIэщ тIуми я цIэр адыгэцIэщ  Ахьмэд, Бержан.  Япэхэм апхэдэу дызыхуей цIэхэр фIэтщыфтэкъым, Тюркием хуит дащIтэкъым. ТыркуцIэ фIащт, Америкэм щыIэ фIэщыгъэцIэхэм хуэдэхэр фIащт. Иджы хуит дыхъуащ. Мыбдеж адрей лъэпкъхэми дэ ди адыгэцIэхэр ягу ирихьыу щытщи ахэми адыгэцIэ фIэзыщ яхэтхэщ. Дэри тщIэкъым адыгэцIэхэр дахэрами , зэрыхъукIэ компютерым къитхыурэ фIыдощ, нэхъыжьхэм доупщI.

КIэмпIарэ Шенал: Сэ си бынхэм яцIэхэр тыркуцIэщ, икIи сыарэзыкъым. Сэ сицIэри аращ. Си бынхэм яцIэхэр, Умар, Гюлен, Амина, Ахьмэд, Хъэйрунниса. Сэ Шыбзыхъуэхэ сыринысэщ, сыздашар Анзорей жылагъуэращ. ЗэрыфщIэщи, ди къуажэцIэхэри хэкужьым ди нэхъыжьхэм къыздырахауэ абыкIэ дыкъыздикIа къуажэхэрауэ жаIэ. Анзорей жылагъуэр къуажищ мэхъу Тыркум щыIэ Анзорей жылагъуэм щыIэ къуажэхэр  Къуажэжь, Мэргъущей, ШыкIуртIакъей.

Хуитыныгъэ Радио: Шенал фи къуажэхэм цIыхухэр зыкIэлъыкIуэу щыт, е нэхъапэхэм нэхъыфIт?

КIэмпIарэ Шенал: Япэхэм нэхъ зыкэлъыкIуэхэт. Иджы хуэдэу машынэ сыт щымыIэми, нэхъ зэрылъагъухэт. Иджы куэдми къуажэхэр къабгынащ, лэжьапIэ, сыт жаIэми къалэхэм Iэпхъуахэщ.

КIэмпIарэ Озгюл: Дэ ди унэкъуэщ хэкумкIэ зэрыщыIэхэр зэхэтхащ ауэ иджыри дызэрылъэгъуауэ щыткъым. Сэ сыхуейт хэкумкIэ щыIэ КIэмпIарэхэми Къурмэн унэцIэ зезыхьэхэми Тыркум никIыу сэлам гуапэ есхыжыну. Ди гуапэщ къытхуеблагъэхэмэ, дызэрыцIыхумэ.


Адэ-анэхэр сыт хуэдизу я бынхэм я бзэ, я хабзэ ящIэжыу къагъэхъуну хуейми, нобэ къалэдэс хъуа адыгэхэр нэхъ гугъу йохь, хуэмурэ хэшыпсыхьыжынкIи мэшынэхэр.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ Радио, Тюркие