9.8.14

Къэрэшей-Черкесым и Хъумэрэныжь къуажэр Псыжь Iуфэ къыщыIутIысхьар 1864-рауэ ябжыр


Адыгэ щIыпIэцIэхэм, къуажэцIэхэм хуэгъэзауэ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр лъэпкъым къыхуэзгъэна щIэныгъэрылажьэ Темыр Рая зэритхыжамкIэ  Хъумэрэныжь жылагъуэм и къежьапIэр Абыкъухьэблэщ. Псыжь Iуфэ къыIутIысхьэным ипэ, Абыкъухэ  Гум  псыхъуэ дэсахэщ. Абыкъухьэблэжь жыхуаIэу щытар, нобэрей село Первомайское жыхуаIэра. Темыр Рая къитIэщIа архивхэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, Кавказ зауэр Гум псыхъуэ къынэсауэ Псыхуабэр нэщI къащIын ягугъэу адыгэ, абазэ къуажэхэр къыщытрагъэкIым щыгъуэ, Урыс пащтыхьым и дзэм хэт IуэхущIэм итхат: «Абыкъу къуажэр апхуэдэу тегъэкIыгъуафIэу тхутегъэкIынкъым, сыту жыпIэмэ Абыкъу къуажэр куэд щIауэ исщ, Гум псыхъуэ дэсщ, Гум цIыкIу Псы кIэху жиIэу къыхолъадэри абдей щысщ…»

Кавказ зауэм  къуажэр  зэпэщIихащ лъэпкъхэми елъытакIэ. Абыкъухэ къуажитIым кIуа  Къэбэрдейм: зыр Малкэ кIуэри дэтIысхьа къуажэ щхьэхуэу щымыту яхэсу, адрейр Шэджэм дэтIысхьащ.

Темыр Рая зэритхымкIэ, 1842 гъэм зэхалъхьа картэм Абыкъухэ Псыжь Iуфэ къуажитIу исащ. Зы къуажэр Кубрань дэса илъэс бжыгъэкIэ. А къуажэм дэса илъэси 100-м щIигъуауэ Темыр ТIатIу-Талъустэн зэрыжиIэжамкIэ, ар Кубрань къыдэкIыу Хъумэрэн къыщыкIуам и ныбжьыр илъэси 9-м итт. Абы и гукъэкIыжхэмрэ, щIэныгъэрылажьэм иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэмрэ  тещIыхьауэ, илъэс 1864-рауэ тохуэ Хъумэрэн къыщытIысар.

Кушпэ Маринэ. Хуитыныгъэ Радио